Мухьэжид и дэхэмрэ и адыгэбзэмрэ

Oct 23, 2017 21:52



ИлъэситI ипэкIэ ТВ-р Шыпшхьэблэ дагъэкIуат усакIуэ, джэгуакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан теухуа пшыхьым тетхыну. Пшыхьыр иухауэ камерэр хъуржыным итлъхьэжу дыщыту зы дадэ утыку къихьэри уэрэдыжь къыхидзащ. Зэрытлъхьэжа камерэр псынщIэу зэрытхыжри тхьэмадэм тедубыдащ. Тхьэмадэм и уэрэд жыIэкIэри гурыхьт, уэрэд жиIэри жыIэкIэм хуэфащэт -зэи зэхэсхатэкъым Уэзы Мурат и уэрэдыр апхуэдэу ягъэзащIу. Абы къыхэкIыу дадэр куэду гуапэу си гум къинэжат. Дыгъуасэ камерэ къасщтэри си ныбжьэгъу Тхьэкъуахъуэ Артур и гъусэу Шыпшхьэблэ дадэм и деж дыщыIащ.

image Click to view


(Шыпшхьэблэ илъэситI ипэ щытетхауэ щыта нэтыныр)

Тэхъу Мухьэжид илъэс 87 мэхъу. Езым зэрыжиIащи, "1929 гъэм хадэ пщIэгъуэм щыгъуэ къалъхуащ". Дыздеблэгъам дадэр ягъуэтыжтэкъым. Ауэ куэд дэмыкIыу Мухьэжид хадэмкIэ къикIыжащ. "МахуэфIохъу апщий" жиIэри кIэщIу мыри къыкIэлъигъэкIуащ: "Зи цIэ зэхэтхыу зи щхьэ дызыщIэлIэхэр фыкъэса".  АфIэкIа зыри зэхэзмыхами си гум дыгъэр къыщепст, дзэхэр Iупэм къысфIыкъуэплът. Дадэр унэм щIэлъэдэжщ, псынщIэу зыкъихуапэри къыщIэкIыжащ "сэ сыхьэзырщ" жыхуиIэ щIыкIэу.

Мухьэжид и гъащIэр мэзхъумэу ихьащ, зыхуэхьэзырыр иужьырейуэ здэлэжьа мэзым дыкIуэнырат. Ар зыхуэзэр урыс къуажэ цIыкIу Новоивановкэ жыхуиIэм и Iэхэлъахэхэрат. ГъущIышхэр къызэщIэплъа хьэзырти гъуэгу дытеуващ. ДыкIуэхукIэ Мухьэжид  хъыбар гъэщIэгъуэн куэд дыщIигъэдэIуащ. Мэз дызыщIыхьэнур зейуэ щытар Шыпшхэт. Сыщымыуэмэ, Мухьэжид абы и гъащIэм щыщу илъэс 26 щихьащ кIэлъыплъу, игъэкъабзэу, зыхуей хуигъазэу.

Дыкъэса иужь тхьэмадэр мэршынэм къицIэфтыри дылъэщIэмыхьэу мэзым хэлъэдащ. КIуэд щIауэ и нэ къикIт абы и псэр зыхилъхьа мэзыжьым иджыри зэ Iуплъэну. Мухьэжид  зыщIыпIэкIэ холъадэ, дыздимыгугъа гуэрхэмкIэ къыщыхокIыж, дыкIэлъыскъым, увыIэгъуэ имыIэу зыгуэрхэр къелъыхъуэ. "ЛIо, дадэ, зыгуэр улъыхъуура" жытIати "Уэй, жыг цIыкIу хэссауэ щытахэр къысхуэмыгъуэтыжурамэ" жи. Тхьэмадэм гъусэ дыхуэхъури тIэкIу къэткIухьащ. Дэнэ деж сыт хуэдэ жыг итами, ираупщIыкIами ищIэжт. Зэ къызэщIэувыIыкIщ, жыг гуэрым Iэ дилъэри "Мы мыIэрысейри сэ дэзгъэкIауэ щытащ" жери къыдыщIигъужащ. Илъэс куэдкIэ лъэхъуэщым исауэ дуней нэхум къытехьэжам хуэдэт Мухьэжид а сыхьэтым, зиплъыхькIэ, къикIухькIэ ирикъужтэкъым. И нэр здэплъысым и лъэр лъэщIыстэкъым. Зы зэман сытми камерэ згъэувауэ щытымкIэ къэтшэжри ди псалъэмакъым щIэддзащ.

Тэхъу Мухьэжид уэрэдыжь, хъыбарыжь куэд ещIэ. Езым зэрыжиIащи "здыблэкIым дзапу уэрэду жаIэр зэ едэIуэгъуэкIэ игу ириубыдэу къэхъуащ". ГъэщIэгъуэн куэд къызжиIащ дадэм, ауэ дакъикъэ 25-кIэ Къуэшырокъуэ Матинэ и хъыбарыр къызэриIуэтэжар псалъэм къыпхуимыгъэтIэсэн хуэдизу хьэлэмэтт. Мухьэжид хэт, дапщэщ сыт жиIауэ щытами ещIэж. Къуэшырокъуэ Матинэ и хъыбарри лIыжьитIым къыхуаIуэтэжауэ къызжиIащ, ауэ тIуми жаIэжар хъыбар ныкъуэ-ныкъуэт. Мухьэжид ахэр зэпищIэжщ, иужькIэ къищIа гуэрхэр дыщIигъужри лIыфIым и хъыбарыр зэфIигъэувэжащ.


(Сэ, Тэхъу Мухьэжид, Тхьэкъуахъуэ Артур)

Тхьэмадэм и адыгэбзэр апхуэдизкIэ къабзэщ, жьыщ, апхуэдизкIэ адыгэбзэ дыдэщи зэзгъэщхьыну згъуэтыр сыщыцIыкIум КъамылыкъуэшхуэкIэ кърашауэ сызэфа псынэпс щIыIэращ. И макъыр адыгэ уэрэдыжьым хуэгъэпсауэ щытщ, и щIэлэгъуэм уэрэд 30 иусат. И гъуэу пхъэ пшынэ еуэкIэ зригъэсамэ джэгуакIуэ хьэзырт.

Мухьэжид къыбжиIэн куэдт, ауэ емыкIуу къысщыхъуащ апхуэдизрэ бгъэпсэлъэныр. Шыпшхьэблэ дгъэзэжын ипэкIэ иджыри тIэкIу къыщыткIухьащ мэзым. Мухьэжид здэпсэуауэ щыта унэжь цIыкIури дигъэлъэгъуащ (тхыгъэм и щIэдзапIэм еплъ), иджыри и гукъэкIыж куэдкIэ къыддэгуэшащ.

ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым. Мухьэжид  хьэщIэ дищIащ дэри. Iэнэ дызэрыпэрысар хьэлэмэтщ. Тхьэмадэм и хъуэхъур уэрэд гъэпсам хуэдэт - зэщIэжьыуэ хэтт, купщIафIэт, къабзэт. Дагъашхэм уэрэд къыджаIэм, аргуэру дагъашхэм уэрэд къыджаIэурэ зы сыхьэтыфIкIэ дыщыса иужь дыкъэтэджыжащ. ДыкъыщыдэкIыжым Мухьэжид и щIалэгъуэм хисауэ щыта дэшхуейм къыпыщэща дэ хъуржын зэрыз Арттурэ сэрэ къытхузэрилъхьэжащ.

Унэм сыкъэсыжа иужь Мухьэжид и дэм и IэфIагъыр зэхэзгъэкIынщ жысIэри дэ зыбжанэ скъутэри сшхащ. Мухьэжид и дэхэр и адыгэбзэмрэ и адыгэпсэмрэ хуэдэт - куэду IэфIт, гурыхьт, купщIафIэт, уи гур къыщIиубыдэт. Сигу къыщIиубыдар къысфIоузыкI иджыпсту. Сыту сынасыпыншэ сэ, апхуэдэ лIыжь закъуэтIакъуэ фIэкI зымылъагъужар, сыту насыпыншэ дыдэ апхуэдэ зы лIыжь зымылъагъужыну ди бынхэр. Дэ дынэгъуэщIщ, Мухьэжид и адыгэбзэм и ми къытщIихьакъым, дыадыгэу къытфIэщI щхэкIэ, ауэ сыту фIыт дыгъуасэрей махуэр къызэрызгъэщIар. Мухьэжид и дэхэмрэ и адыгэбзэмрэ я IэфIагъыр Iумрэ гумрэ щыгъущIынкъым. Ди лъэпкъ и жэпкъ Тхьэм имыгъэгъущI.

Тэхъу Мухэжид

Previous post Next post
Up