Хъуапсэ и псэ псэхукъым

Feb 02, 2020 17:54





Онлайн апщий.

Илъэсым нэблэгъауэ зы Iуэху жылэ утыку къислъхьэну сытемыгушхуэ зэпытщ. Ауэ си хъуапсэмрэ Iэмалыншагъэмрэ срахулIащи, емыкIуу схуэвмылъагъу. Адыгэм и мэкъумэш кIулътIурэр, псом хуэмыдэу жыгзехьэ хабзэр, феномену зыгуэрщ. Ауэ си IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ (ар щхьэкIэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэри аращ) абы гулъытэ хуэфэщэн хуащIакъым. ТВ-м лэжьэн зэрыщIэздзэ лъандэрэ адыгэм и жыгзехьэ хабзэхэм теухуауэ филм тесхыну хъуапсэ сиIэщ. Си щIэныгъэкIэ зэпэщ сыхъун папщIэ иужьырей илъэсищ хуэдэм адыгэм и мэкъумэш кIулътIурэм теухуауэ сыт згъуэтми къэсщыпу, къэсщэхуу, къэзуугъуеижу щытщ. А псор, содж, соплъ, сотх. Псори къэсщIауэ жысIэкъым, ауэ зыгуэрми зыщыдгъэгъуэзащ. 2020 гъэр адыгэм и жыгзехьэ хабзэм теухуа филмхэр зэзгъэпэщу згъэкIуэным хуэзгъэпсащ.

Сигу илъхэм ящыщщ:

- Шапсыгъым сыкъыщежьэу Джылахъстэнейм щыщIитIыкIыжу ди мэзхэмрэ ди хадэхэмрэ щыхъу-щыщIэу щытар наIуэ къэсщIыныр;

- адыгэ мыщхьэ лъэпкъхэмрэ, адыгэм ижь зыщIихуауэ фэ зэтплъ мыщхьэхэмрэ я генетикэр дджыныр;

- адыгэм и жыггъэкI, ботаникэ, терминологиер зэIубз щIыжыныр, къэгъэпсэуэлъэжыныр;

- адыгэм и жыгзехьэ хабзэр, щIэныгъэр ди нобэми щыщхьэпэн хуэдэу псагъэ зэгъэпэщыныр.

ДызыщIэхъуэпс псори зы тхыгъэкIэ тхуэгъэнэхуэнкъым, ауэ хуэм-хуэмурэ дигу илъыр къыфхуэттIэщIынщ.



Сыт щыгъуэ хуэдэуи Iуэхум мылъку-былым хомылъхьэу хъуркъым. Аращи, лъэIукIэ зыфхузогъазэ, Iуэху сызыщIэхъуэпсыр къыздэвгъэпсынщIэну. ТщIэнур, дыздэкIуэнур къэслъытэщ, абы мылъкуу текIуэдэнур хуэгъэфэщауэ къэзбжри сом 173 000 хуэдиз дыхуейуэ згъэунэхуащ. Абы щыщу сом 15 000-р КIахэм щыщ щIалэ гуэрым гупыж ищIри илъэс ипэ къыхилъхьауэ щытщи, къэнэжыр сом 158 000-рэщ. Иджыри зэ жысIэнщи, къэзэрызбжар хуэгъэфэщауэщ.

Iуэхум сыхэпшынарэт жызыIэхэм папщIэ си банк картэ номерыр сотх:

4276 6000 2918 7594 (Астемир Асланович Ш.)

Сом къэс жэуап схьынущ, хэт сыт хуэдиз къыхилъхьэми си напэкIуэцIхэм деж къыщызгъэлъэгъуэжынущ. Мыдрейуэ, псори зытеухуэжа Iуэхур си къару къызэрихькIэ фIы сщIыну фыкъызогъэгугъэ.

Фи Iуэху фIы ирикIуэ.

Иджыри дызэрыщIэнщ.

хадэ, адыгэ жыг хадэхэр, черкесские сады

Previous post Next post
Up