* * *

Nov 25, 2016 18:52

* * *

Уи гум щыщIэр къысхуэIуатэ,
Уи псэм телъыр наIуэ къэщI.
Уи мыхьэлу зыутIыпщи,
Сэ зы закъуэм дзыхь къысхуэщI.
Хъунущ уи щхьэ къызэпхьэлIэ,
УэсхьэлIэнущ си гухэлъ.
Пхуэзгъэдахэу жыпIэ псори,
Зытезгъахуэурэ уи хьэл.
ЖыIэ, жыIэ. Сыт убызщIкIэ?
Сэ арыншэми къэсщIащ:
Уи насыпыр зыхэплъагъуэр,
Зыдэплъагъур - ар сэращ.

Къаныкъуэ Заринэ
1999

Поэтическая тетрадь

Previous post Next post
Up