...адыгэ дыхъужынт...

May 13, 2017 21:29



Жыг къудамэр къыришэхыу абы пыт тхьэмпэр хэт зэпызыплъыхьар? Мыхъуми зэ... зы закъуэ... зы дакъикъэкIэ.

А ТХЬЭмпэр ТХЬЭм и ӏэужьу зэрыщытыр зэхэзымыщӏахэм сопсэу, сыпсэуащ зэрыжаIэнур дауэ? Тхьэмпэр зэрыӏущащэр псэм щызэхыбох... ар зэӏущащэр псэ зиIэхэращ. Тхьэмпэм и ӏущащэ макъ зэхомыхымэ абы къикӏкъым ар мыӏущащу.

Тхьэмпэм и бауэ макъыр щыму мэIу. Ар къытщосхь ину бэуэну, ауэ дэ дегъэбауэ. Фызогъэбауэри пщӏэ лей къысхуэфӏщ жиӏэкъым. Дапхуэдизу упсэкъабзу ущытын хуей фӏеягъэу щыIэр зэщӏэпшэрэ, укъэзыухъуреихь псом абы иужь къабзагъэкӏэ ухуэупсэжын щхьэкӏэ? Хьэрэмагъ уигу къэмыкIыххэу упсэуныр сыту телъыджэ.

Хэт зэпиплъыхьа тхьэмпэм иӏэ лъынтхуэхэм я тхыпхъэр? Абы зэ уеплъын щIэбдзэмэ щымыӏэр къэзыгъэхъурэ къэхъугъэр хэзыгъахъуэм хулъэкIыр умыгъэщIэгъуэнкӏэ зы ӏэмал иIэкъым. Нэхъ ӏэпэӏэсэ дыдэу щыӏэ нэрыбгэ цӏыкӏур бгъэтӏысырэ, нэхъ псыгъуэ дыдэу щыӏэ дыщэ ӏуданэр ептми хухэмыдыкӏын апхуэдэ тхыпхъэ дахэ. Итӏанэ зэщхьу тхьэмпитӏ къэгъуэти улӏщ уэ . Псори зэмыщхьщ, псори телъыджэщ. Псори зы хупхъэм къыщиджэлыкӏ зэманым сыту фӏы Тхьэшхуэм дызэмыщхьу дыщыӏэн папщIэ дыкъызэригъэщӏар уигу къэбгъэкӏыжыну.

Тхьэмпэм фемыдэӏуамэ федаIуэ, фемыпсэлъамэ фепсалъэ, фемыплъамэ феплъ, Тхьэмпэм псэ ӏутщ, псэ ӏутыр къабзэщ. Къабзагъэм фыхуэзэшамэ нэхъыбэрэ Тхьэмпэм феӏущащэ. Фи фIэщ фщIы, жэуап къывитыжынущ. Тхьэмпэр зэрыӏущащэр къэтщӏэжамэ, дызэрыцIыхур дигу къэкӏыжынт, зыттхьэщӏыжынти адыгэ дыхъужынт.

Шыбзыхъуэ Астемыр.

уэщ1, Щ1ыуэпс

Previous post Next post
Up