Нобэ Сосналы СулътIан къызэралъхуырэ илъэс 75 ирокъур. ЗэрыжаIэжымкIэ, езы СулътIан апхуэдэ махуэхэр игъэлъэпIэн ифIэфIтэкъым. Сосналыр сцIыхуу щытакъым. Ауэ иджыпсту дзэпщым теуыхуауэ нэтын согъэхьэзырыри, сцIыхуыфэ изоплъ.
Сыхуэмызами и псэм и шыфэлIыфэр зэхызощIэр. СулътIан апхуэдизкIэ куэд хуыжыпIэфынущи, дунеижьыр зэрызэпцI лъандэрэ уэмрэ щIымэ я зэхуаку щызекIуа бзэуэ хъуам хэт псалъэхэр зэхэплъхьэми, жыпIэну псор къыпхуэтIэщIынукъым. СулътIан сыт хуэдэлIу щытами псэкIэ зэхэпщIэн хуейуэращ.
Нэтыным селэжьын ипэкIи тхылъ зыбжанэ седжауэ щытат Сосналым ехьэлIауэ. Къэзджамрэ иуыжьырей тхьэмахуитIым абы теуыхуауэ къызжаIэжамрэ зэхэслъхьэжауэ согупсыс СулътIан и щыIэкIам. Гупсысэм сыхэт зэпыту екIуэкIыху си фIэщ нэхъ мэхъур Сосналы СулътIан цIыхугъэм япэ зыри иримыгъэщу зэрыпсэуар. Абы лIыгъэу зэрихьам, акъылу игъэхъеям лъабжьэ хуэхъуар и анэбыдзышэм хэту и лъым хыхьа адыгагъэращ.
Тхьэм уи ужьыр махуэ тхуищI, СулътIан. Хьэдрыхэ зы хабзэ гуэр щыIэмэ, уи псэм тыншыгъуэ игъуэтауэ Тхьэ къыщIигъэкI. Ди япэ ищахэм я пащхьэ уи напэр хуыхьу уихьэжауэ Тхьэм жиIэ. Уэ дыпхуэфащэу дызэрыпсэун зэхэщIыкI адыгэм Тхьэм къыдит.
Псэм ипэ напэ!